"Жьыщхьэмахуэ"
"Жьыщхьэмахуэ" «Жьыщхьэмахуэ» - сыту хуэбагъ куэд хэлъ мы псалъэм. Адэшхуэ-анэшхуэ къызыщхьэщыт дэтхэнэ зыри щIэх-щIэхыурэ гукIэ Жьыщхьэ махуэ Тхьэм фысхуищI яхужимыIэу фIэщщIыгъуейщ. ДауикI, уи дадэ и псалъэ ущщхэм ущIэдэIуу, нанэ ипщэфIа шхыныгъуэ IэфIхэр пшхыуэ упсэуху сабийгъуэр имыухыу къыпщохъу. НасыпыфIэщ, апхуэдэу нэхъыжьхэр зи унэ щIэс унагъуэхэр. Зэманым къигъэув сыт хуэдэ лъэпощхьэпохэми уапэлъэщыну къыпщохъу ахэр къыщыпщхьэщытым деж, я псалъэ купщIафIэхэмкIэ ущаугъэущийм деж. Иджыблагъэ дэ апхуэдэу деблэгъащ унагъуэ закъуэм мыхъуу, хьэблэми, уеблэмэ къуажэми чэнджэщэгъу яхуэхъу, щапхъэ зытрахыу дэс нанэ деж. Къуэжыкъуей Ищхъэрэ къуажэ дэс Гъубжокъуэ Фонэ мы гъэм и ныбжьыр илъэс 98 ирокъу. Зи сабийгъуэр Совет властыр щызэфIэувэгъащIэ илъэсхэм хиубыда, мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуа хъыджэбзым жьыуэ лэжьэн щIидзащ.
Название:
"Жьыщхьэмахуэ"
Категория:
Разное