«Адыгэбзэр къэрал ӏуэхущ»Къуэщӏысокъуэ Мартин

469 подписчиков

12+
12+

2 просмотра

7 дней назад

ПожаловатьсяНарушение авторских прав

469 подписчиков

12+
12+

2 просмотра

7 дней назад

ПожаловатьсяНарушение авторских прав
12+
12+

2 просмотра

7 дней назад

Фӏэхъус гуапэ фызох! Сэ КъуэщIысокъуэхэ сащыщщ си цӏэр Мартинщ! «Хабзэ» зи фӏэщыгъэцӏэ адыгэ политикэ-жылагъуэ зэгухьэныгъэм сырипэрытщ! Хэкум щыпсэу адыгэхэми, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэ куэдми, нэхъыжьи нэхъыщIи, бзылъхугъи цӏыхухъуи куэдым мы махуэхэм Адыгэбзэм и Махуэщӏым ехьэлӏауэ адыгэбзэкӏэ ӏуэху зэмылIэужьыгъуэхэр къырагъэкӏуэкӏащ. Нэтынхэр, тхыгъэхэр куэду утыку къыралхьахэщ. Мыбы ущыкIэлъыплъкIэ хуабжьу гур хегъахъуэ. Адыгэ лъэпкъыр щыӏэным, зиужьыным папщIэ ди адыгэбзэр псэун зэрыхуейр зыхэзыщӏыкӏхэр, лъэпкъ гупсысэ зиIэхэр куэду къызэрытхэтыр нэрылъагъу тщещӏ. Мис апхуэдэ цӏыхухэращ лъэпкъри нэхъ лъэщ зыщӏыр. Апхуэдэ цӏыхухэр нэхъыбэ хъу зэпыту зэрыкӏуэр щыхьэт тохъуэ ди лъэпкъым и ӏуэхур фӏы и лъэныкъуэкIэ зыкъигъэзэным зэрыхуежьар. Ар щхьэкIэ, адыгэм ипэкӏэ мы гъащӏэм щиубыду щыта увыпIэм тепщIыхьмэ, ди лъэпкъым зэфӏэкӏ иӏар, псэукIэ дахэ, зэхэтыкIэ екӏу къигъэщIам, и щэнхабзэм, и адыгагъэ хэлъам тепщIыхьмэ нобэ къыздэсым дэ куэд тфӏэкӏуэдащ, нобикӏ куэд ткӏэрыхуурэ макӏуэ. «Иджы хъунщ тфӏэкӏуэдар, лъэпкъым ткӏэрыхуар ирикъунщ, нобэ зыкъэтщӏэжыным и чэзур къэсащ» жытӏэмэ, абы щхьэкIэ лъэпкъым щыщ дэтхэнэ зыми тщӏэр, длэжьыр ирикъуу пӏэрэ? Пэжщ сыт хуэдэ ӏуэхушхуэри цӏыху зэрызым я дейжщ къыщежьэр. Ар щхьэкIэ лъапсэрых къызыхуагъэкӏуа, мыпхуэдизу мы щӏыхъурейм текъухьа хъуа адыгэ лъэпкъым ди ӏуэхур цӏыху зэрызхэм я гукъыдэжкIэ зэфӏэха хъуну щыт? Нобэ бзэ, хабзэ, адыгагъэ, лъэпкъ ӏуэху щыжытӏэкӏэ языныкъуэхэм жаӏэу зэхыдох - «ар унагъуэращ щыпхъумэфынур, ар дэтхэнэ зыми езым зырихьэн хуейщ» жаӏэу. Бзэ, хабзэ, культурэ жыпӏэмэ занщӏэу мыбы экономикэри, спортри, еджапIэри, щӏэныгъэри, уэрамри, къэралри, гъащӏэм дыкъэзыухъурейхь псори къыпоувэр. Мыхэр псори унагъуэ къудейкIэ зэфӏэкӏтэм, цӏыху щхьэзакъуэкӏэ пхузэфӏэхтэм, щхьэ мыпхуэдиз къэралхэр нобэ щыӏэ? Дэтхэнэ зы къэралми мы ӏуэхухэр къэрал ӏуэху ещӏ и пщэ делъхьэж. Урысейм урысыбзэр хъума хъун щхьэкӏэ, зиужьын щхьэкӏэ хабзэхэр къещтэ, мылъкушхуэ хухех. Къэралым, еджапIэхэм, жылэм хуэгъэзауэ, щӏэныгъэкӏэ щӏэкъэбыдауэ, политикэ укъуэдия ирегъэкӏуэкӏ. Апхуэдэ дыдэщ тырку къэралыгъуэми, хьэрып къэралхэми, францэми, германми, нэгъуэщI дэтхэнэ къэралми. Нытӏэ унагъуэкIэ бзэр псэуа хъунумэ, цӏыху щхьэ зэрызкӏэ бзэр лэжьа хъунумэ, мы къэралхэм мыпхуэдиз къарурэ мыпхуэдиз мылъкурэ мы ӏуэхум щхьэ тырагъэкӏуадэрэ? Мы къэралхэм я бзэхэм, щэнхабзэм тырагъэкӏуадэм щыщу а къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я ӏыхьэ щхьэ къыхэмыкӏрэ? КъыхэкIмэ ирикъууэ къыхэкIрэ? Хэкур къапщтэмэ адыгэхэм къэралкӏэ еджэу республикищ диӏэщ. Мы республикэхэр щӏыщыӏэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр адыгэ лъэпкъ щыӏэщи аращ. Адыгэ лъэпкъыр лъэпкъ зыщӏ сыт хуэдэ ӏуэхугъуэри, хъума хъун щхьэкIэ, зыригъэужьын щхьэкIэщ мы республикэхэр щӏыщыӏэр. Ар имыгъэзащIэмэ мы республикэхэм и унафэщIхэм, и ӏуэхущӏакӏуэу тетхэм я къэлъэн нэхъыщхьэ дыдэр ямыгъэзащIэу аращ. Нытӏэ мы республикэхэм и унафэщӏхэм яхуэгъэзащӏэрэ адыгэбзэм зиужьыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр? Нобэ еджапIэхэм, лэжьапIэхэм, ӏуэхущӏапӏэхэм ирикъууэ адыгэбзэр къыщырагъэкӏуэкӏрэ? Ауэ я нэхъ тынш дыдэр къатщтэнщи адыгэбзэкӏэ къуажэхэм, уэрамхэм я цӏэхэр тедзауэ щыт? Жэщи махуи зэпымыууэ адыгэбзэкӏэ лажьэу телевидение щыӏэ? ЕджапIэхэм, нану ӏыгъыпӏэхэм дахэ-дахэу адыгэбзэр щӏырамыгъаджэжыр сыт? Университетхэм, институтхэм, щӏэныгъэм ехьэлIа ӏуэхущӏапӏэхэм, къэрал ӏуэхущӏапӏэхэм адыгэбзэ убгъуауэ къыщекӏуэкӏрэ? Мыхэм и ӏуэху зырамыхуэм сыт мы республикэхэм и унафэщӏхэм зырахуэр? Мыдэкӏэ, адыгэ куэду щыпсэу хамэ къэралхэм, хэхауэ Тыркум, Иорданием, Сирием: Мы къэралхэр къыщызэрагъэпэщам щыщӏэдзауэ адыгэ лъэпкъым мы къэралхэр зэфӏэувэным, зиужьыным, хъумэным, сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ пэрытхэм ящыщу хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуащIащ. Нытӏэ иджы адыгэ лъэпкъыр, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр хэмыкӏуадэжу псэуным щхьэкIэ мы къэралхэм адыгэхэм хуэфащэ гулъытэ щагъуэтрэ? Мы къэралхэм я политикэ гъэпсыкIэм хэту щыт, адыгэхэм гулъытэ хуэщӏын зэрыхуейр? Адыгэбзэр, адыгэ культурэр лэжьа, псэун щхьэкIэ лэжьыгъэ къырагъэкӏуэкӏрэ? Апхуэдэ лэжьыгъэхэр къырагъэкӏуэкӏыну, адыгэхэм яхуэфащэкъэ? Дэтхэнэ зы адыгэхэми, апхуэдиз адыгэ хасэхэми сыт тщӏэн хуейр мы къэралхэм ди адыгэ ӏуэхум хуэфащэ гулъытэ къыхуащӏыным папщIэ? Мыпхуэдэ упщӏэхэр куэд мэхъу! Мы упщӏэхэр апхуэдизкӏэ куэдщи зы нэтынкӏи, зы цӏыхукӏи къыпхужыӏэнукъым. Аращи дэтхэнэ зы адыгэри мы упщӏэхэм девгъэгупсыс, зэрыхъукIэ ӏэмал щыӏэхэм теухуауэ дытевгъэпсэлъыхь, ди еплъыкӏэхр зыхэдвгъалъхьэ, гупсысэ зэхэдзэ тщӏыурэ, хэкӏыпӏэ, гъуэгу, гъуазэ тхуэхъунухэр къэдвгъэгъуэт. Ди ӏэр едзыхауэ зыгуэрым дыщыгугъууэ дыщыскӏэ мыхьэнэ иӏэкъым! Дэтхэнэ зыми тхузэфӏэкӏыр дывгъэлэжь! Тхьэм фигъэпсэу!

Название:

«Адыгэбзэр къэрал ӏуэхущ»Къуэщӏысокъуэ Мартин

Категория:

Разное